ГлавнаяИсполнителиНэхущ Чэрим_Сигу къохьэжыр ди зы жэщ
название:

Сигу къохьэжыр ди зы жэщ


автор:

Нэхущ Чэрим_


рейтинг: ★★★★★ / 5.1 / 1095 просмотров
Сигу къохьэжыр ди зы жэщ ―
Уэ насыпыр бдэзугуэшт.
Мы ди нэгу щlэкlахэм сахуозэш.
Гъащlэр щыхъукlэ псысэ куэд,
Щхъуакlэплъыкlэу плъыфэ куэд
Си гупсысэ щэхухэр еузэд.

Ежьу:
Си щlэлэгъуэ удзгъэгъа,
Сытым щхьэкlэ ухуэла?
Лъагъуныгъэ дахэу сфlэкlуэда…
Илъэсыщlэ уэсыр къос,
Си гухэлъхэр хуэму йос,
Адэ жыжьэу жэщым ар къыхощ.

Уигу къихьэжмэ ди зы жэщ,
Сынолъэlу сыгъэхъу уи фlэщ,
Си пшыналъэ дахэр бдогумlэщl.
Къызэджэжыт, си блэкlа,
Си гум дыркъуэ тезыдза,
Нэ дахитlу ди тхьэм къызита.

Ежьу

Сигу къихьэжмэ ди зы жэщ
Адэ уафэм вагъуэу хэсщ,
Си фэеплъщи ар умыгъэзэш.
Къигъэзэнкъым фlы блэкlам,
Насып унэу къутэжам,
Пщlыхь ухэту зэ уlущlэжам.

Послушать/Cкачать эту песню
Mp3 320kbps на стороннем сайте
А как ты думаешь, о чем песня "Сигу къохьэжыр ди зы жэщ" ?
2010-2020 © WebKind.Ru Тексты песен