ГлавнаяИсполнители• Черим НахушевХэхэс пщащэ
название:

Хэхэс пщащэ


автор:

• Черим Нахушев


рейтинг: ★★★★★ / 4.8 / 788 просмотров
Уфафэу хышхуэр пшыхь дэхащэщ
Пщlыхьэпlэм къыщыпlущащар
Хэгъэгу хуэпабгъэу уэ уи гъыщlэр
Адэ - хэкужь и жэнэт щlыгу
Укъисшэжыну уэ нысащlэу
Сыныпхуопlащlэр си къэшэн.

Адыгэ пшынэр щыбзэрабзэм
Адыгэ фащэр щоуфэразэ
Щауэ къуданхэр щхьэуназэ
Зыщl тхьэlухудыр си къэшэнщ.
Хэхэс дунейр пхуэзмыгъэфащэ
Псэр зыхьэхуауэ си къэшэн.

Гъэмахуэ пшыхьым сещl гу махэ
Уэс пыlэ къуршхэм саlуплъам
Уэгу дыхьэрэныр пшэплъ дыщафэу
Дыгъэ къухьам щытхуриlам
Насып схуэхъунт уи адэжь лъахэ
Укъисшэжауэ щыслъагъуам.

Си нэгу ущlэтщ си дыгъэ мазэ
Си гухэлъ къабзэр узогъэз
Жэщ хъуарэ жейр нэм емызэгъыу
Уэ дахэ ращ сызыдэхъуар
Си насып закъуэр зыдэслъагъуу
Си пщащэ нагъуэу си къэшэн.

Послушать/Cкачать эту песню
Mp3 320kbps на стороннем сайте
А как ты думаешь, о чем песня "Хэхэс пщащэ" ?
2010-2020 © WebKind.Ru Тексты песен