ГлавнаяИсполнителиШалов ХусенНазирэт и уэрэд
название:

Назирэт и уэрэд


автор:

Шалов Хусен


рейтинг: ★★★★★ / 5.4 / 1392 просмотра
Назирэт и уэрэд

народная песня

(из книги З.Кардангушева "Адыгэ уэрэдыжьхэр")

ТЕКСТ:
1. Сэ нэхъ дахи уэ плъагъунщ,
Уэ нэхъ дахи сэ слъагъунщ,
Дахэ псоми уемыхъуапсэу,
Сэ къыздэкlуэ, Назирэт!
Дахэ псоми уэ уашэнкъым,
Сэ къыздэкlуэ, Назирэт!

2. Лъагъуныгъэри мыдахагъэ,
Лъагъуныгъэри мыlеигъэ,
Нэм фlэдахэр - псэм фlэlэфlи,
Сипсэм хуэдэу Назирэт!
Псэм фlэlэфlыр - нэм фlэдахи,
Сипсэм хуэдэу Назирэт!

3. Сыжеямэ узипщlыхьщ,
Сыкъэушмэ си нэгу ущlэтщ,
Узмылъагъумэ махуэр кlыхькъэ,
Сипсэм хуэдэу Назирэт!
Узмылъагъуу схуэмышыlэ,
Сипсэм хуэдэу Назирэт!

4. Щlалэфl куэди къыплъыхъунщ,
Куэдым куэди къыбжаlэнщ,
Жаlэ псоми уемыдаlуэу,
Сэ къыздэкlуэ, Назирэт!
Жаlэ псоми уэ ухуейкъым,
Сэ къыздэкlуэ, Назирэт!

5. Синэ сипсэу Назирэт,
Сипсэ закъуэу Назирэт,
Нэгъуэщl щlалэ уэ удэкlуэм -
Гуэныхь къохьыр, Назирэт! (или Псэм техуэнкъым, Назирэт!)
Нэгъуэщl щlалэ удэмыкlуэу,
Сэ къыздэкlуэ, Назирэт!

Послушать/Cкачать эту песню
Mp3 320kbps на стороннем сайте
А как ты думаешь, о чем песня "Назирэт и уэрэд" ?
2010-2020 © WebKind.Ru Тексты песен