ГлавнаяИсполнителиWoredij Muzik GrubuЗэныбжьэгъуищ
название:

Зэныбжьэгъуищ


автор:

Woredij Muzik Grubu


рейтинг: ★★★★★ / 4.8 / 780 просмотров
Зэныбжьэгъуищыу джэгум дыздокlуэ,
Дыздэкlуэ джэгур мафlэ лыгъейкъэ.
Уэхьайрэ-райрэ, уэрайдэ-райрэ,
Сызэгуэуд мыгъуэ, си дахэк1ей 

Ахъшэкlэ уащэмэ укъэсщэхункъэ,
Лlыгъэкlэ уатмэ си псэр хэсхынкъэ.
Уэхьайрэ-райрэ, уэрайдэ-райрэ,
Сызэгуэуд мыгъуэ, си дахэк1ей 

Гъатхэпэ бзухэм уицlэр къызжаlэ,
Уицlэр къызжаlэм сипсэр къолъатэ.
Уэхьайрэ-райрэ, уэрайдэ-райрэ,
Сызэгуэуд мыгъуэ, си дахэк1ей 

Дахэм и набдзэхэм сигур дахьэхыр,
Сигур дэхьэхри даурэ бжесlэн-тlэ?
Уэхьайрэ-райрэ, уэрайдэ-райрэ,
Сызэгуэуд мыгъуэ, си дахэк1ей.

Дыздэкlуа джэгур адыгэ джэгути,
Дигур дгъэтlылъри динэр дгъэплъаи!
Уэхьайрэ-райрэ, уэрайдэ-райрэ,
Сыбгъэунэхъуа мыгъуи, си дахэк1ей.

Уигум илъ щ1алэр зэгуэр къэсщ1атэм
Мы сигу къабзэри лъэмыж пхуэсщ1ынкъэ
Уэхьайрэ-райрэ, уэрайдэ-райрэ,
Сызэгуэуд мыгъуэ, си дахэк1ей.

Зэныбжьэгъуищыу джэгум дыздокlуэ,
Дыздэкlуэ джэгур дэ ди1э джэгущи
Уэхьайрэ-райрэ, уэрайдэ-райрэ
Къыздэк1уэ къыздэк1уэ, си дахэк1ей

Послушать/Cкачать эту песню
Mp3 320kbps на стороннем сайте
А как ты думаешь, о чем песня "Зэныбжьэгъуищ" ?
2010-2020 © WebKind.Ru Тексты песен