ГлавнаяИсполнителиНеизвестенДи щауэм къишауэ, ди гуф1эгъуэр шэщIауэ
название:

Ди щауэм къишауэ, ди гуф1эгъуэр шэщIауэ


автор:

Неизвестен


рейтинг: ★★★★★ / 5.3 / 1338 просмотров
Ди щауэм къишауэ, ди гуф1эгъуэр шэщIауэ
Iэгур ину мэлъалъэ уей
Нэчыхьытхыр къэсауэ, нэхъыжьыфIхэр тэджауэ
НасыпитIыр зэпащIэ уей

Ежьу:
ФIэт лъагэу махъсымэр, нэхъыжьхэр мэхъуахъуэ
ЩIалэгъуалэр федаIуэт уей
Псэр щIэгуфIэр, гуфIэгъуэр дизэхуэдэщ
Фыкъеблагъэ ди джэгум уей

Дыгъэр уэгум икIауэ, щIалэ гупыр тэджауэ
Нысэр унэ идошэ уей
Лъапэ махуэ къихьауэ, лъабжьэ быдэ щищIауэ
Тхуэмахуэну сохъуахъуэр уей

Хьэбли жыли доджэгур, зэIухащи ди джэгур
ЗевгъэIэтыт пшынэбзэм уей
Къыдашауэ гуащэшхуэр, феуэт Iэгум жылэшхуэр
Тхьэм къыпищэ махуэшхуэм уей

Нэхъыжьхэр вгъэлъапIэу, лъэпкъ гъэбагъуэ тхуэхъуну
ЩIэблэ дахэр фиIэну уей

Послушать/Cкачать эту песню
Mp3 320kbps на стороннем сайте
А как ты думаешь, о чем песня "Ди щауэм къишауэ, ди гуф1эгъуэр шэщIауэ" ?
2010-2020 © WebKind.Ru Тексты песен