ГлавнаяИсполнителиНеизвестенАдыгэ пшынэм щlыгур къыпэджэмэ, уоирэ, уорирэ, уойра
название:

Адыгэ пшынэм щlыгур къыпэджэмэ, уоирэ, уорирэ, уойра


автор:

Неизвестен


рейтинг: ★★★★★ / 5.5 / 1543 просмотра
Адыгэ пшынэм щlыгур къыпэджэмэ, уоирэ, уорирэ, уойра,
Бжэlупэ джэгум къуажэр зэхишэмэ,
Хъуэхъубжьэ усэр псэм зэхидзыжымэ,
Адыгэ нысэ унэ идошэрэ, уоирэ, уорирэ, уойра.

Ей жи, адыгэ лъахэ,
Ей жи, ди хабзэ дахэ,
Дарий lэщхьэху, къамэ lэпщэху,
Нэ фlыцlэ нэху, джэгу умыпсэху,
Адыгэ нысэ унэ идошэрэ, уоирэ, уорирэ, уойра.

Хьэзыр lупэхуу ди щауэ уардэхэм, уоирэ, уорирэ, уойра,
Ди лъэпкъ гурыщlэр я уэредадэмэ,
Дыгъэр зэхъуапсэр я дыщэидэмэ,
Адыгэ нысэ унэ идошэрэ, уоирэ, уорирэ, уойра.

Ей жи, адыгэ лъахэ,
Ей жи, ди хабзэ дахэ,
Дарий lэщхьэху, къамэ lэпщэху,
Нэ фlыцlэ нэху, джэгу умыпсэху,
Адыгэ нысэ унэ идошэрэ, уоирэ, уорирэ, уойра.

Гъатхэм и дахэр уэрам къыдихьэмэ, уоирэ, уорирэ, уойра,
Бжьыхьэм и бэвыр жьэгум къыдилъхьэмэ,
Къалъхуа мазэщlэр и нэмыс щыпкъэмэ,
Адыгэ нысэ унэ идошэрэ, уоирэ, уорирэ, уойра.

Ей жи, адыгэ лъахэ,
Ей жи, ди хабзэ дахэ,
Дарий lэщхьэху, къамэ lэпщэху,
Нэ фlыцlэ нэху, джэгу умыпсэху,
Адыгэ нысэ унэ идошэрэ, уоирэ, уорирэ, уойра.

И фоужь матэр дадэ икъутэмэ, уоирэ, уорирэ, уойра,
Пшэплъыфэ lупэм хуахьыр фоущхьэмэ,
Фlыгъуэ къепхъыхыр уэшхыу къыттешхэмэ,
Адыгэ нысэ унэ идошэрэ, уоирэ, уорирэ, уойра.

Ей жи, адыгэ лъахэ,
Ей жи, ди хабзэ дахэ,
Дарий lэщхьэху, къамэ lэпщэху,
Нэ фlыцlэ нэху, джэгу умыпсэху,
Адыгэ нысэ унэ идошэрэ, уоирэ, уорирэ, уойра.

Послушать/Cкачать эту песню
Mp3 320kbps на стороннем сайте
А как ты думаешь, о чем песня "Адыгэ пшынэм щlыгур къыпэджэмэ, уоирэ, уорирэ, уойра" ?
2010-2020 © WebKind.Ru Тексты песен