ГлавнаяИсполнителиНэ дахит1ырБез названия
название:

Без названия


автор:

Нэ дахит1ыр


рейтинг: ★★★★★ / 4.9 / 884 просмотра
Нэ дахит1ыр
Ди куэбжапэм гъатхэ дыгъэу укъыблок1
Нэ дахит1ым сыщ1эплъэну схулъэмык1
Си гур къоджэ, сыкъомыщ1эу уи еужь ситщ
Пщэджыжь пшапэу сэ си нэгум уэ ущ1этщ.

Припев
Дыгъэри къохьэж мазэри ё1эж
Уэ си дахэ ,уэ си дахэ си гумм уимык1ыж!.

Къуажэ щ1алэм уэншэкухьу укъакухь
Уэ зы закъуэрщ зыщымыхъур ар бэлыхь
Мазэ бзыгъэу уэ абыхэм уакъыхопс
Мазэ бзыгъэм шууей псори лъэмы1эс.
Припев
Дыгъэри къохьэж мазэри ё1эж
Уэ си дахэ ,уэ си дахэ си гум уимык1ыж!

Укъызэплъри, си гур вагъуэу къэлындащ
Укъызэплъри си гур гъатхэу къэт1эп1ащ
Псалъэ жы1э-сэ къуршыбгъэу сылъатэнщ
Къуршыпс уэру уи насыпыр къэзгъэжэнщ

Припев
Дыгъэри къохьэж мазэри ё1эж
Уэ си дахэ ,уэ си дахэ си гум уимык1ыж!

Ди куэбжапэм гъатхэ дыгъэу укъыблок1
Нэ дахит1ым сыщ1эплъэну схулъэмык1
Мазэм и зыр дыщэ пы1эу къыпхуэсхьынщ
Дыгъэ бзихэр дарий фащэу щыст1агъэнщ
Припев – т1о

Послушать/Cкачать эту песню
Mp3 320kbps на стороннем сайте
А как ты думаешь, о чем песня "Без названия" ?
2010-2020 © WebKind.Ru Тексты песен