ГлавнаяИсполнителиНеизвестенЩlалэ гуп зэхыхьауэ тlысам
название:

Щlалэ гуп зэхыхьауэ тlысам


автор:

Неизвестен


рейтинг: ★★★★★ / 4.9 / 866 просмотров
Щlалэ гуп зэхыхьауэ тlысам,
Хъуэхъу жиlэну нэхъыжь къэтэджам,
Нэхъыжь псалъэм зэран ухуэмыхъу,
Щхьэзыфlэфl-lэдэбыншэ умыхъу,
Пщlэ сыт щыгъуи нэхъыжьым иlащ —
Дэ Адыгэм ди хабзэр аращ!
Ежьу:
Мыс аращ. Мис аращ. Дэ Адыгэр ди Хабзэр Аращ…
Унэ пщlыну бжэгъулъэ хэптlэнщ,
Къужэдэсхэр щlыхьэху къыпхуэкlуэнщ,
Уэ уизакъуэкlэ хьэлъэ ар хъунщ —
Бэ къарум лъапсэ быдэ уищlынщ,
Унэщlыхьэ аррыхэу пщlыжащ —
Дэ Адыгэм ди хабзэр аращ!
Ежьу
Хьэщlэ махуэ уи унэм къихьам,
Уи гур уэ хузэlух къыпхуэкlуам,
Фlыуэ уиlэм уи хьэщlэр хуит хуэщl,
Уи lэнэгур джэдлыбжьэкlэ гъэнщl,
И гуэпагъкlи хуэпщlэнур хуэпщlащ —
Дэ Адыгэм ди хабзэр аращ!
Ежьу
Къуэ е пхъу узэжьар къыпхуэхъуам,
Уэ абыкlэ уи лъэпкъ бгъэбэгъуам,
Теlуэ фlым,фlы уигу къыхуэгъэкl,
Гъащlэ жыг уэ хухэси хуэгъэкl,
Ди лъэпкъ хейм ар нэщанэ хуэхъуащ,
Дэ Адыгэм Ди Хабзэр Аращ!
Ежьу

Послушать/Cкачать эту песню
Mp3 320kbps на стороннем сайте
А как ты думаешь, о чем песня "Щlалэ гуп зэхыхьауэ тlысам" ?
2010-2020 © WebKind.Ru Тексты песен