ГлавнаяИсполнителиМарианна БарагуноваЛъагъуныгъэм и макъамэ
название:

Лъагъуныгъэм и макъамэ


автор:

Марианна Барагунова


рейтинг: ★★★★★ / 5.5 / 1471 просмотр
Жэщ мэзагъуэр уэгум итурэ, уэ си пщlыхь ухэт зэпытурэ
Нэхур мэщри пщlыхьу уэ усlэщlокl.
Уэ уи нитlым сегупсысурэ щхьэ хуимыту сыпхуэусэурэ
Семызэгъыу жеймэ сэ нэху сыкъокl.

Ежьу:
Лъагъуыныгъэ макъамэ си гуым уэ пхуиусамэ
сфlощl ныпхуэпlащэу ар къоlущащэу.
Гум къиlукl псалъэ дахэм егъэнэхур си махуэр уэ
уи лъыхъуакlуэ ар нызогъэкlуэ.

Ди блэкlахэм сыкlэлъыплъурэ, ди зэlущlэм сыныпэплъэурэ
Махуэм щlыгъуу махуэр сэ йогъэкl.
Сыкъэпшэну сыщыгугъыурэ, узсылъэгъум псэкlэ сыгъыурэ
Гулъытэнщэу нобикl уэ уыкъызблокl.

Ежьу

Уи сурэтыр псэкlэ згъафlэурэ къыщlэнауэ си гум мафlэри
Мы уэрэдыр тыгъэ уэ ныпхузощl.
Пщlыхькlэ уэ сынодэхащlэурэ жэщ мыухри псэм фlэмащlэурэ
си насыпыр уэ зырауэ къысфlощl.

Ежьу

Послушать/Cкачать эту песню
Mp3 320kbps на стороннем сайте
А как ты думаешь, о чем песня "Лъагъуныгъэм и макъамэ" ?
2010-2020 © WebKind.Ru Тексты песен