ГлавнаяИсполнителиНэхущ ЧэримПшынэ Ӏэпэу сызыщыгъупща
название:

Пшынэ Ӏэпэу сызыщыгъупща


автор:

Нэхущ Чэрим


рейтинг: ★★★★★ / 4.6 / 592 просмотра
Пшынэ макъхэри
Псэм хуэусэу жыжьэу зэподжэж
Лъагъуныгъэм и пшынэбзэ дахэри
Гъатхэ жэщ мазэгъуэм ныхохьэж
Къос гъатхэпэри
Къоушыж гу хэлъ упщlыlужар
Жэщ вагъуэбэм хэкlуэдэж си вагъуэурэ
Лъагъуныгъэр фэеплъ схуэзыщlар

Ежьу:

Пшынэбзэ lэфlу си гум щызгъэфlа
Гъатхэпэ мазэр зи фэеплъ схуэхъуа
Лъагъуныгъэ пшынэм и щыуагъэу
Пшынэ lэпэу сызыщыгъупща.

Гъатхэ мазэхэм
Я пшынэбзэ щабэм сыдоудж
Си гухэлъхэм я пшынэбзэ гуапэри
Япэ удз гъагъахэм къыдоудж
Сфlощl гъатхэпэри
Си блэкlа щlалэгъуэу псэм хыхьэж
Ди щlалэгъуэм здэтхьыжа щыуагъэхэр
Мы ди насып губгъуэм щыгъагъэж.

Послушать/Cкачать эту песню
Mp3 320kbps на стороннем сайте
А как ты думаешь, о чем песня "Пшынэ Ӏэпэу сызыщыгъупща" ?
2010-2020 © WebKind.Ru Тексты песен