ГлавнаяИсполнителиКхъуэжь ЗаурТрамэ икъуэм итхьэусыхэ - Кхъуэжь Заур
название:

Трамэ икъуэм итхьэусыхэ - Кхъуэжь Заур


автор:

Кхъуэжь Заур


рейтинг: ★★★★★ / 4.6 / 637 просмотров
ТРАМ И КЪУЭМ И ТХЬЭУСЫХЭ
(Хьэжрэт гъыбзэжь)

1. Къэхьырмэн* гущэм lуащхьэр къеубэри,
Шыбзыбэ гущэм пхъащхьэр пагъэщыр**,
Ар езы гущэр хэтхэ ящыщ жыпlэмэ, уо-уо-уой, зиунагъуэрэ,
Хьэтlохъущокъуэкlэ щlалэ хужь пагуи.
Ежьу: Уана-рира, рирара, уо-уо, райрэ,
Уой, нарира, рирара, райрэ! Уой-уа-райдэрэ, уареда, уа-уай, райдэ!
Уай, дыкъалъхури дыкlуэдыжа мыгъуи!

2. Мэсейуэ си хьэзыр тlощlыр
фоч гъуэзым къысхуегъэуфlыцl,
Ерыжыбурэ*** си фоч фlыцlэжьыр
джаур сотнэм ятызоунащlэ.
Дыкъалъхури дыкlуэдыжа мыгъуи!

3. Адрыщlым сызэпрыплъмэ,
ныбжьыщlэри щызэбграш,
Ар фочыпэри уэр щызэхашиекlэ,
уэркъ щауэхэр псэ емыблэжщ.
Дыкъалъхури дыкlуэдыжа мыгъуи!

4. Шым и фащэм шыбгыр къеухуэ,
Зеухуэри мэзым щlохьэж,
Ар езы гущэри хэтхэ ящыщ жыпlэм,
Трамэ и къуэкlэ Къэрэбатырщ.
Дыкъалъхури дыкlуэдыжа мыгъуи!

5. Зи шыпхъу хьэдэр зи зэпэбаш****,
Зи къуэш хьэдэр зи щlыбырыхь,
Езыр хэтхэ ящыщ жыпlэм,
Трамэ и къуэкlэ Къэрэбатырщ.
Дыкъалъхури дыкlуэдыжа мыгъуи!

6. Къэбэрдейм фи щlалэгъуалэр
а махуэм къытхузэрошхыр,
Беслъэнейм фи пщыжь гъэшхар
lуащхьэ къуагъым къытхукъуэвгъэкl.
Дыкъалъхури дыкlуэдыжа мыгъуи!

7. Къэсейхэ Фатlимэт гуащэм
шэджагъуакlуэ дэ къытхуимыкlу,
Лъэс кlуэнкlэ дызыщlэмыхьэжыр
Нартбейхэ Гуащэхъурейщ.
Дыкъалъхури дыкlуэдыжа мыгъуи!

*Зэзауэр зэрыхъуа дыдэр зылъэгъуам и цlэ (Вариантхэм: «Уэркъ къилъхуамэ, диlуэтэжынщ» жеlэ).
**Пхъащхьэр пагъэщ – жыг тхьэмпэр пашхыкl.
***Ерыжыб – фоч лlэужьыгъуэщ, зыщlам и цlэкlэ ироджэ.
**** Зэпэбаш – фочыр щытрагъапсэкlэ мыуэщхъун папщlэ фочыпэм щlагъакъуэ баш зэпхаращ.

Послушать/Cкачать эту песню
Mp3 320kbps на стороннем сайте
А как ты думаешь, о чем песня "Трамэ икъуэм итхьэусыхэ - Кхъуэжь Заур" ?
2010-2020 © WebKind.Ru Тексты песен