ГлавнаяИсполнителиАльберт ТлячевБахъсэн
название:

Бахъсэн


автор:

Альберт Тлячев


рейтинг: ★★★★★ / 4.9 / 850 просмотров
Къалэ куэдым теплъэ дахэкlэ уакъыхощыр,
Уи нэхъыжьхэм, уи цlыхуфlхэм пщlэ хузощlыр.
Бахъсэныпсыр зэм мэутхъуэ — зегъэпагэ,
Зэм къабзабзу пщащэ нащхъуэу зегъэщlагъуэ.
Бахъсэныпсыр зэм мэутхъуэ — зегъэпагэ,
Зэм къабзабзу пщащэ нащхъуэу зегъэщlагъуэ.

Хьэщlэр икъукlэ уогъэлъапlэ, Бахъсэн лъахэ,
Уи къеблагъи, уи гъуэгумахуи псори дахэ.
Екlуу ещхьу, купщlэ иlэу жьыр мэхъуахъуэ,
Щхьэгъэрытым — махъсымэпсыр къахуигъахъуэ.
Екlуу ещхьу, купщlэ иlэу жьыр мэхъуахъуэ,
Щхьэгъэрытым — махъсымэпсыр къахуигъахъуэ

Ежьу:
Уи фlыщlэм си гур хуоусэ,
Адыгэ хэку, си дуней.
Уэ уи уэрэдыр си гъусэ,
Бахъсэн щlыналъэри, ей.
Уи фlыщlэм си гур хуоусэ,
Адыгэ хэку, си дуней.
Уэ уи уэрэдыр си гъусэ,
Бахъсэн щlыналъэри, ей.

Фыз къэпшэну щхьэм къихьамэ умыпlащlэ,
Бахъсэн пщащэм и дэхагъэр псоми ящlэ.
Уигу ирихьмэ нысэ цlыкlур унэм къашэ —
Дыгъэгуфlэ, дыхэгъаплъэ уи нысашэ.
Уигу ирихьмэ нысэ цlыкlур унэм къашэ —
Дыгъэгуфlэ, дыхэгъаплъэ уи нысашэ.

Ежьу

Къалэ куэдым теплъэ дахэкlэ уакъыхощыр,
Уи нэхъыжьхэм, уи цlыхуфlхэм пщlэ хузощlыр.
Бахъсэныпсыр зэм мэутхъуэ — зегъэпагэ,
Зэм къабзабзу пщащэ нащхъуэу зегъэщlагъуэ.
Бахъсэныпсыр зэм мэутхъуэ — зегъэпагэ,
Зэм къабзабзу пщащэ нащхъуэу зегъэщlагъуэ.

Послушать/Cкачать эту песню
Mp3 320kbps на стороннем сайте
А как ты думаешь, о чем песня "Бахъсэн" ?
Anuar Adugov 19 мар 9:48
о городе Баксан в Кабардино- Балкарской республике
2010-2020 © WebKind.Ru Тексты песен