название:
автор:
Лъагъуныгъэм и макъамэ
автор:
Марианна Барагунова
рейтинг: ★★★★★ / 5.5 / 1549 просмотров
- Текст
- Открытка с текстом
Жэщ мэзагъуэр уэгум итурэ, уэ си пщlыхь ухэт зэпытурэ Нэхур мэщри пщlыхьу уэ усlэщlокl. Уэ уи нитlым сегупсысурэ щхьэ хуимыту сыпхуэусэурэ Семызэгъыу жеймэ сэ нэху сыкъокl. Ежьу: Лъагъуыныгъэ макъамэ си гуым уэ пхуиусамэ сфlощl ныпхуэпlащэу ар къоlущащэу. Гум къиlукl псалъэ дахэм егъэнэхур си махуэр уэ уи лъыхъуакlуэ ар нызогъэкlуэ. Ди блэкlахэм сыкlэлъыплъурэ, ди зэlущlэм сыныпэплъэурэ Махуэм щlыгъуу махуэр сэ йогъэкl. Сыкъэпшэну сыщыгугъыурэ, узсылъэгъум псэкlэ сыгъыурэ Гулъытэнщэу нобикl уэ уыкъызблокl. Ежьу Уи сурэтыр псэкlэ згъафlэурэ къыщlэнауэ си гум мафlэри Мы уэрэдыр тыгъэ уэ ныпхузощl. Пщlыхькlэ уэ сынодэхащlэурэ жэщ мыухри псэм фlэмащlэурэ си насыпыр уэ зырауэ къысфlощl. Ежьу
А как ты думаешь, о чем песня "Лъагъуныгъэм и макъамэ" ?