ГлавнаяИсполнителиНеизвестенСэ уэ узэрыслъагъурэ
название:

Сэ уэ узэрыслъагъурэ


автор:

Неизвестен


рейтинг: ★★★★★ / 5.4 / 1415 просмотров
Сэ уэ узэрыслъагъурэ
Уи мафIэм сэ сесыр,
Согъыри соукIытэ
Сымыгъщи сызэгоуыд,
Мы дунеижьышхуэм
Жэгъуэгъуэ щызикуэд,
Сэ си дуней, еу мыгъуэ сыунэхъужа мыгъуи сэ...

Си шыгъуэ цIыкIури
КIэбдзкIэрэ согъатхъуэри,
Уи лъагъуныгъэми
(Уэ) сигъэтхъуа мыгъуи сэ,
Жагъуэгъуыр зи мащIэм
Сыту и насыпт, 
Си дахэкIей, си гущхьэр къытелында мыгъуи сэ...

Мо дыгъэ бзийхэри 
Нэм къыщоджэгури
Джэгум къыхыхьэиэ
Мы си гур схуэмыубыдыж
Лъугъуныгъэ щэхур
Нахуэ къысхуэхъунущ
Си дахэкIей, уей сыгъуэ схуэшэкIыжынукъым мыгъуэ сэ...

Мо ди Iуащхьэжьыми
Дыгъэр кIэредзэри,
Сигу къыщыридзэкIэ
МафIэр къысщIонэ мыгъуэ сэ,
Лъагъуныгъэ мафIэр
Сыту къарууф1эт,
Сэ си дуней, яжьэ сыхъури сылъэлъэжа мыгъуи сэ...

Гъатхэм и дэхагъэм
ЦIыхупсэр дехьэхыр,
Сэ си псэр дэсхьэхар
Жагъуэгъуым сфIагъэкIуэдай,
Сызэгуэмыудыпэу
Зэ сыныпIуплъэжтэм
Сэ си дуней, дуней к1ыф1ыр нэху къысщыхъуну мыгъуэт сэ......

Послушать/Cкачать эту песню
Mp3 320kbps на стороннем сайте
А как ты думаешь, о чем песня "Сэ уэ узэрыслъагъурэ" ?
2010-2020 © WebKind.Ru Тексты песен