ГлавнаяИсполнителиМурат ГерговКъомыгъанэ уэ мы си гур ещ1эу хъыринэ
название:

Къомыгъанэ уэ мы си гур ещ1эу хъыринэ


автор:

Мурат Гергов


рейтинг: ★★★★★ / 5.5 / 1513 просмотров
Псы ежэхым хуэдэу щабэу уэ уи макъ дахэр
Зэхэзмыху дахэ си гур ныкъуэу къысфIощIыр
Зыхуэныкъуэр си гур зэшу ар уэ зы закъуэрщ
Уэ зы закъуэрщ, пщащэ дахэ, гум уриплъапIэщ.
Зыхуэныкъуэр си гур зэшу ар уэ зы закъуэрщ
Уэ зы закъуэрщ, пщащэ дахэ, гум уриплъапIэщ.

Вагъуэр уэгум ижамэ и пIэр къегъанэ, 
Сыноплъамэ уэ си дахэ си нэр къыптонэ,
Къомыгъанэ уэ мы си гур ещ1эу хъыринэ
Уэрыншауэ сыпхуэныкъуэу зэшу сыкъонэ.
Къомыгъанэ уэ мы си гур ещ1эу хъыринэ
Уэрыншауэ сыпхуэныкъуэу зэшу сыкъонэ.

Нэ дахитIыр сэ пызощIыр вагъуэбэ мазэм,
Лъагъуныгъэр пхузегъэщIыр гурыщIэ къабзэм
Сэ гухэлъу уэ пхузиIэр хуэдэщ псы нэпсым
УыщызгъафIэу си гум, дахэ, упэсщIыу си псэм.
Сэ гухэлъу уэ пхузиIэр хуэдэщ псы нэпсым
УыщызгъафIэу си гум, дахэ, упэсщIыу си псэм.

Вагъуэр уэгум ижамэ и пIэр къегъанэ, 
Сыноплъамэ уэ си дахэ си нэр къыптонэ,
Къомыгъанэ уэ мы си гур ещ1эу хъыринэ
Уэрыншауэ сыпхуэныкъуэу зэшу сыкъонэ.
Къомыгъанэ уэ мы си гур ещ1эу хъыринэ
Уэрыншауэ сыпхуэныкъуэу зэшу сыкъонэ.

Сеплъым уэгум си дахэ...
Сеплъым уэгум си дахэ уэ зыр укъощыр
Сыпхуэныкъуэу согупсысэу нэху уригъащэ
Зызгъэлъагъуи уэ си дахэ щхьэгъусэ пэжу
ГъащIэ гъуэгум дыригъакIуэ сыкъэбгъэпэжу.
Зызгъэлъагъуи уэ си дахэ щхьэгъусэ пэжу
ГъащIэ гъуэгум дыригъакIуэ сыкъэбгъэпэжу.

Вагъуэр уэгум ижамэ и пIэр къегъанэ, 
Сыноплъамэ уэ си дахэ си нэр къыптонэ,
Къомыгъанэ уэ мы си гур ещ1эу хъыринэ
Уэрыншауэ сыпхуэныкъуэу зэшу сыкъонэ.
Къомыгъанэ уэ мы си гур ещ1эу хъыринэ
Уэрыншауэ сыпхуэныкъуэу зэшу сыкъонэ.

Хьэйнэнэринайнэ ущIемыгъуэж
Хьэйнэнэринайнэ  сыкъэгъэпэж
Хьэйнэнэринайнэ  си дахэкIей
Хьэйнэнэринайнэ псоми я лей
Хьэйнэнэринайнэ  си дахэкIей
Хьэйнэнэринайнэ  псоми я лей.

Послушать/Cкачать эту песню
Mp3 320kbps на стороннем сайте
А как ты думаешь, о чем песня "Къомыгъанэ уэ мы си гур ещ1эу хъыринэ" ?
2010-2020 © WebKind.Ru Тексты песен