ГлавнаяИсполнителиРуслан и Расул ТхакумашевыСи къуэш (Sana C)
название:

Си къуэш (Sana C)


автор:

Руслан и Расул Тхакумашевы


рейтинг: ★★★★★ / 4.7 / 739 просмотров
Къуэпс зимыIэ, къэкIыгъэ зей къэкIкъым,
Жыгыр зэрыбыдэр лъабжьэу зыщ.
Уэрэ сэрэ ирижэ ди Iэпкълъэпкъым,
Ди адэ-анэм къытпкъыралъхьауэ зыщ.
Уэрэ сэрэ ирижэ ди Iэпкълъэпкъым,
Ди адэ-анэм къытпкъыралъхьауэ зыщ.

Хэгъахъуэ ину уи гур,
Къару сэ сыпхуэхъунщ,
КъызихьэлIа насыпыр
Сэ тIууэ бдэздгуэшынщ.
Дызэщыгугъмэ фIыкIэ
Дыхъункъым зейкI нэщI
Умыгузавэ зыкIи
Сэ къыздалъхуа си къуэш.

Дыребагъуэ дыкъыздэхъуа ди жъэгум,
ЗэдэтIэту дэ хьэгъуэлIыгъуэ ин
Адэ пщIантIэм зыщыреужь уи нэгум
Къуэбынбжьэбыну къытщIырырехъуэ бын.
Адэ пщIантIэм зыщыреужь уи нэгум
Къуэбынбжьэбыну къытщIырырехъуэ бын.

Хэгъахъуэ ину уи гур,
Къару сэ сыпхуэхъунщ,
КъызихьэлIа насыпыр
Сэ тIууэ бдэздгуэшынщ.
Дызэщыгугъмэ фIыкIэ
Дыхъункъым зейкI нэщI
Умыгузавэ зыкIи
Сэ къыздалъхуа си къуэш.

Къыздалъхуа си къуэшу сырэрыгушхуэ,
ПсомкIи сэ къысхуэхъу щIэгъакъуэн,
Къуэш уиIэну, ар сыту насыпышхуэ,
Темыт дунейм нэхъыфIкIэ пхуэупсэн.
Къуэш уиIэну, ар сыту насыпышхуэ,
Темыт дунейм нэхъыфIкIэ пхуэупсэн.

Хэгъахъуэ ину уи гур,
Къару сэ сыпхуэхъунщ,
КъызихьэлIа насыпыр
Сэ тIууэ бдэздгуэшынщ.
Дызэщыгугъмэ фIыкIэ
Дыхъункъым зейкI нэщI
Умыгузавэ зыкIи
Сэ къыздалъхуа си къуэш.

Дызэщыгугъмэ фIыкIэ
Дыхъункъым зейкI нэщI
Умыгузавэ зыкIи
Сэ къыздалъхуа си къуэш.

Послушать/Cкачать эту песню
Mp3 320kbps на стороннем сайте
А как ты думаешь, о чем песня "Си къуэш (Sana C)" ?
2010-2020 © WebKind.Ru Тексты песен