ГлавнаяИсполнителиЧерим НахушевХэхэс пщащэ
название:

Хэхэс пщащэ


автор:

Черим Нахушев


рейтинг: ★★★★★ / 4.7 / 679 просмотров
Уфафэ хышхуэу пшыхь дэхащэщ 
Пщ1ыхьэп1эм къыщып1ущэщар 
Хэгъэр хуэпабгъэу уэ уи гъащ1эр 
Адэ хэкужь и жэнэт щ1ым 
Укъисшэжэну уэ нысащ1эу 
Сыныпхуоп1ащ1эр, си къэшэн 

Адыгэ пшынэр щыубзэрабзэм 
Адыгэ фащэ щоуфэразэ. 
Щауэ къуданхэр щхьэуназэ 
Зыщ1 тхьэ1ухудыр си къэшэнщ 

Гъэмахуэ пшыхьым сещ1 гумахэ 
Уэс пы1э къуршхэм са1уплъам, 
Уэгу ... пшыхь дыщафэу 
Дыгъэ къухьам щытхури1ам 
Насып схуэхъунт уи адэжь лъахэм 
Укъисшэжауэ щыслъэгъуам 

Адыгэ пшынэр щыубзэрабзэм 
Адыгэ фащэ щоуфэразэ. 
Щауэ къуданхэр щхьэуназэ 
Зыщ1 тхьэ1ухудыр си къэшэнщ 

Си нэгу ущ1этщ, си дыгъэ мазэ 
Си гухэлъ къабзэр узогъэз 
Жэщ хъуарэ жейм нэр емызэгъуу 
Уэ дахэращ сызыдэхъуар 
Си насып закъуэр зыдэслъагъуу 
Си пщащэ нагъуэу си къэшэн 

Адыгэ пшынэр щыубзэрабзэм 
Адыгэ фащэ щоуфэразэ. 
Хэхэс дунейр хуэзмыгъэфащэу
Псэр зыхьэхуауэ си къэшэн

Послушать/Cкачать эту песню
Mp3 320kbps на стороннем сайте
А как ты думаешь, о чем песня "Хэхэс пщащэ" ?
2010-2020 © WebKind.Ru Тексты песен