ГлавнаяИсполнителиБарагунова МарианнаАдыгэ Хэку
название:

Адыгэ Хэку


автор:

Барагунова Марианна


рейтинг: ★★★★★ / 5.4 / 1402 просмотра
Тенджызым адэк1э пшынэр къыщо1урэ
Пшыналъэ дахэри си деж къо1ус,
Къысхуобзэрабзэри си гум зыдещ1,
Лъэпкъым и тхыдэри, Хабзэри къафэм къыхощ.
Толъкъун хъыринэурэ мэкъамэр йощ1эрэ
Си щ1ылъэ анэми сыногупсыс,
Сынодэхащ1эри сыпхуогумащ1,
Ф1ылъагъуныгъэми уэрэдыр сэ сегъэус.

Си псэм щызгъаф1эурэ мы си гум хэлъ,
Дыгъэ нэ бзийурэ мы щ1ыгум щепс,
Уэ си лъэпкъ щыпкъэр узигухэлъщ,
Уэ дыгъэпс гуапэурэ си деж къыщепс..
Си псэм щызгъаф1эурэ мы си гум хэлъ,
Дыгъэ нэ бзийурэ мы щ1ыгум щепс,
Уэ си лъэпкъ щыпкъэр си псэм ухэлъщ,
Уэ дыгъэпс гуапэурэ си гум и къуэпс

Уэсыр къытелъми бгым пшэ 1эрамэурэ
Сэ 1уащхьэмахуэ къызохуэбэк1.
щыгур мылылъэми лъэр нызохус,
Адрыщ1 сэламыри лъап1эурэ лъэпкъым изох.
Псэр щыпхуэзэшк1эрэ уэ узиплъап1эурэ
Пшагъуэр ток1уэтыри дыгъэр къыкъуок1,
Жэщк1эрэ мазэри вагъуэм хосыхь,
Си лъагъуныгъэри гущ1эм хамэщ1 къыщызох

Ф1ыуэ слъагъу Лъахэурэ адэжь щ1ыналъэмэ
Си гур ныпхуе1эурэ си гъащ1эр сохь.
Адыгэ Хасэу лъэпкъым и л1ык1уэм
Псэхэр зэпищ1эурэ си гугъэр къысхуегъэнэху.
Жэнэт къысщыхъуурэ дуней дэхащэмэ
дыгъэри мазэри къысхуещ1ыр тыхь,
зы насып вагъуи сэ къысхудок1уэ-
Гурыщ1э къабзэми и ф1ыгъуэр сэ согъэунэху

Послушать/Cкачать эту песню
Mp3 320kbps на стороннем сайте
А как ты думаешь, о чем песня "Адыгэ Хэку" ?
2010-2020 © WebKind.Ru Тексты песен