ГлавнаяИсполнителиЧерим НахушевАдыгея
название:

Адыгея


автор:

Черим Нахушев


рейтинг: ★★★★★ / 5.1 / 1125 просмотров
Хамэ щIыпIэ жыжьэ сыщыIэу
Согупсыс си гъащIэм и пщэдейм,
Сэ мыбы щызиIэ гъащIэр щIыIэщ,
Сызэхэх си хэку, Адыгей!
Сэ мыбы щызиIэ гъащIэр щIыIэщ,
Сызэхэх си хэку, Адыгей!

Припев:
Адыгей, Адыгей,
Си махуэр дыщэпс Адыгей!
Си дуней, си дуней,
Си гум укъыщопс, Адыгей!

Сэ мы щIыпIэм гъащIэр щысхьынут,
Къанэ къызжаIауэ щытыгъам,
СыкъэнэнкIэ хъунт сынэсыпыфIэу,
Адыгей, сэ гъусэу узиIам!
СыкъэнэнкIэ хъунт сынэсыпыфIэу,
Адыгей, сэ гъусэу узиIам!

Припев: 

Адэ-анэу сиIэр уэракъэ?
Си гум и уэрэдыр уэ зыращ!
Уэрэд дахэ сэ уэ пхузоусыр,
Лъагъуныгъэ мыухыжыр уэрщ!
Уэрэд дахэ сэ уэ пхузоусыр,
Лъагъуныгъэ мыухыжыр уэрщ!

Припев:

Си гугъапIэм бгыщхьэм сыкъелъэм,
И джэ макъыр къоIур сэ си деж,
СыныхуоIур сэ уи анэ IэплIэм,
ПхуэсщIа лъагъуныгъэр быду мэж!
СыныхуоIур сэ уи анэ IэплIэм,
ПхуэсщIа лъагъуныгъэр быду мэж!

Припев: 3 р.

Послушать/Cкачать эту песню
Mp3 320kbps на стороннем сайте
А как ты думаешь, о чем песня "Адыгея" ?
2010-2020 © WebKind.Ru Тексты песен