ГлавнаяИсполнителиКъуныжь ХьэждалКъербэч
название:

Къербэч


автор:

Къуныжь Хьэждал


рейтинг: ★★★★★ / 4.6 / 611 просмотров
Бэрбэч и гъыбзэ

Бэрбэчым уи ныбжьэгъу пэжри (уой)
Гуауэшхуэм сызэщ1е1ул1эр (уой)
Къэхъуахэм фыщ1эмыупщ1эми (уооуой
) Си гъыбзэм фыкъыщ1эдэ1у мыгъуэт !(уей)

Къишати си ныбжьэгъу закъуэми (уой)
Уэй доджэр, нысэр къыдошэ (уой)
Щауэщ1эм и япэ жэщми (уоуой)
Нысащ1эр фызабэу къонэри …(уей)

Тхьэ1ухудым зыщимыгъэнщ1ыурэ (уой)
Бэрбэчым ныщэбзерабзэр (уой)
Бзаджащ1эм я фоч лъэдакъэмк1э (уоуой)
Лагъунэбжэр нытракъутэри (уей)

Бэрбэчым и хэт1эхэсэри (уой)
Губгъуэжьым щырегъэк1уэк1ыр (уой)
Нысащ1эр зыхуэгузавэри (уоуой)
А жэщым къимыгъэзэж мыгъуэт (уей)

Сэрмахуэ уи шыгъуэ ц1ык1ури (уой)
А махуэм жьыщхьэмыгъазэт (уой)
Бэрбэчым ф1эбгъэзэжынк1эрэ (уоуой)
Нысащ1эр къыпщыгугъа мыгъуэт (уей)

Ди нысэм уи лэрыпс ц1ык1ури (уой)
А махуэм къызэролъэлъыр (уой)
Нэпс гуащ1эр къыппелъэлъэхыурэ (уоуой)
Лагъунэм укъыщ1ашыж мыгъуэ (уей)

Послушать/Cкачать эту песню
Mp3 320kbps на стороннем сайте
А как ты думаешь, о чем песня "Къербэч" ?
2010-2020 © WebKind.Ru Тексты песен