ГлавнаяИсполнителиЧарим НахушевУэрэ сэрэ (Къуэдзокъуэ Къуэдзокъуиуса)
название:

Уэрэ сэрэ (Къуэдзокъуэ Къуэдзокъуиуса)


автор:

Чарим Нахушев


рейтинг: ★★★★★ / 5.2 / 1205 просмотров
Уэрэ сэрэ 
Къуэдзокъуэ Хьэсэн и щхьэгъусэ 
Ащнокъуэ - Къуэдзокъуэ Тамарэ хуитхащ. 

Мы уэрэдыр хэк|уэтауэ пхуэзусами, 
Мы си щхьэцым уэс мытк|ужыр къытесами, 
Сэ къысф|ощ|ыр уэрэ сэрэ 
Япэу нобэ дызэхуэзэу. 
Уэрэ сэрэ, 
Уэрэ сэрэ 
Япэу нобэ дызэхуэзэу. 

Гъащ|э гъуэгур къыттехьэлъэу къыздэтк|уами, 
Гугъуехь псоми дызэгъусэу дытек|уами, 
Сэ къысф|ощ|ыр уэрэ сэрэ 
Гъуэгум нобэ дыздытехьэу. 
Уэрэ сэрэ, 
Уэрэ сэрэ 
Гъуэгум нобэ дыздытехьэу. 

Бгым дыдэк|ыу къехыжып|эм дыкъэсами, 
Пщэдей гъащ|эр гум, зэхищ|эу, къе|усами, 
Сэ къысф|ощ|ыр уэрэ сэрэ 
Гъуэгуанэшхуэ къытпэщылъу. 
Уэрэ сэрэ, 
Уэрэ сэрэ 
Гъуэгуанэшхуэ къытпэщылъу.

Послушать/Cкачать эту песню
Mp3 320kbps на стороннем сайте
А как ты думаешь, о чем песня "Уэрэ сэрэ (Къуэдзокъуэ Къуэдзокъуиуса)" ?
2010-2020 © WebKind.Ru Тексты песен