ГлавнаяИсполнителиЧерим НахушевКъабэрдей'2008
название:

Къабэрдей'2008


автор:

Черим Нахушев


рейтинг: ★★★★★ / 5 / 1042 просмотра
Псалъэ: Думэн М.
Макъамэ: Думэн М.

Къурш псынэпсу гум и дыщэ лъагъуэ
Адыгэпсэм ищl и дыщэ вагъуэ уей
Си Къэбэрдей.
Бэщлъыкъ хужьу зи къуршыжь уэсыщхьэ
Адыгагъэр лlыгъэм хуэщl и гущхьэ уей
Си Къэбэрдей.

О - о - о - си дуней, си Къэбэрдей
Гъагъэ хэку адыгэр зэрыпагэ
Кавказ къуршхэр псэкlэ зыгъэблагъэ уей
Щlыналъэу щыlэм я нэхъ лей.

Нарт щlыналъэр зищl зи афэ джанэ
Уэркъ хабзэжьыр зи дыщэпс lуданэ уей
Си Къэбэрдей.
Адэжь хэку уэркъ хабзэм пэлыд мазэ
lуащхьэмахуэу Кавказ псом и гъуазэ уей
Си Къэбэрдей.

О - о - о - си дуней, си Къэбэрдей
Нартыжь пшынэу фlыгъуэр къэзыlуатэ
Фlэхъус псалъэр зи щlыгу и шыгъу пlастэ уей
Щlыналъэу щыlэм я нэхъ лей.

Послушать/Cкачать эту песню
Mp3 320kbps на стороннем сайте
А как ты думаешь, о чем песня "Къабэрдей'2008" ?
2010-2020 © WebKind.Ru Тексты песен